2022 гъэм накъыгъэм и 24-м, щихъ, апостол пэлъытэ Мефодийрэ Кириллрэ я фэеплъ махуэм, Черкесск къалэм хабзэ зэрыхъуауэ, зэгъусэ тхьэлъэIу щрагъэкIуэкIащ. Махуэшхуэм щызэхуэсащ благочинием и члисэхэм я щоджэнхэр, къэзакъхэр, къалэ члисэм къакIуэхэр. Зэгъусэ тхьэлъэIур Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам щыщIэдзауэ узэщIакIуэхэм я фэеплъым нэс кIуащ Къэрэшей-Шэрджэсым и ут нэхъыщхьэм щыIэм.
ТхьэлъэIу нэужьым зэхыхьэм хэтхэм захуигъэзащ Псыхуабэ еапрхием и Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Нартов Александр. Апхуэдэу екIуэлIапIэм кIуэхэм фIэхъускIэ захуигъэзащ Къэрэшей-Шэрджэсым и «Русь» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Жедяев Евгенийрэ Баталпашинскэ къалэм и зэгухьэныгъэм и атаман Зинченкэ Александррэ.