2022 гъэм накъыгъэм и 21-м Минводы къалэм и стадионым ныкъуэдыкъуэхэм я зэпеуэ щекIуэкIащ. Зи узыншагъэм къимыхь спортсменхэм ядэIэпыкъуащ Псыхуабэ епархием щэнхабзэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэмрэ чристэн волонтёрхэмрэ. Минераловодскэ члисэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексий зэхыхьэм хэтахэмрэ хьэщIэхэмрэ ерыскъыпхъэхэр яхуигъэхьэзыращ.