Карачаевск щекIуэкIащ XVIII Кирилло-Мефодиевскэ къеджэныгъэхэр

23.05.2022
Просмотры: 1442

2022 гъэм накъыгъэм и 20-м Къэрэшей-Шэрджэс къэрал университет Алиев У. Д. и цIэр зезыхьэм щекIуэкIащ XVIII республикэ Кирилло-Мефодиевскэ къеджэныгъэхэр. 

Гъэ къэси хуэдэу, конференцэм бзэщIэныгъэлIхэр, литературоведхэр, тхыдэджхэр, философхэр, славян щэнхабзэм и лъабжьэхэр зыджхэр щызэхуэсащ. Университетым и актовэ пэшым пленарнэ зэIущIэ щызэхэтащ. 

Зэхуэсым хэтахэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ фIэхъус ярихащ КъШР-м и Псыхуабэ епархием дин щIэныгъэмрэ катехизацэмкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн Якушев Александр. 

Пленарнэ зэIущIэм и докладхэр теухуауэ щытащ щэнхабзэм. Конференцэм хэтахэр тепсэлъыхьащ урысыбзэр зэраджынум. 

1442
Фотогалерея