Анджиевскэ къуажэм щыIущIащ IутIыж махуэшхуэм

22.05.2022
Просмотры: 2115

2022 гъэм накъыгъэм и 21-м, апостол Богослов Иоанн и фэеплъ махуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ Анджиевскэ къуажэм и Иоанно-Богослов члисэм. 

Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием и Минераловодскэ округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексийрэ къардэн нэхъыжь Кубэ Дмитрийрэ я гъусэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къуажэдэсхэмрэ гъунэгъу къалэхэмрэ къуажэхэмрэ щыщхэр. 

Литургие нэужьым щихънагъым зэгъусэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ, члисэм и хъумакIуэр игъэлъэпIащ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. 

2115
Фотогалерея