Выставкэр къызэIуахащ Жылагъуэ палатэмрэ щоджэнхэмрэ я жэрдэмкIэ

21.05.2022
Просмотры: 1520

2022 гъэм накъыгъэм и 19-м Никулин С. П. и цIэр зезыхьэ Къэрэшей-Шэрджэс республикэ сабий библиотекэм щызэхэтащ сурэтыщI Пинкин Андрей и «Знакомьтесь – Карачаево-Черкесия» выставкэр. Къэрэшей-Шэрджэсым и илъэси 100-м ирихьэлIэу выставкэр къызэIуахащ КъШР-м и Жылагъуэ палатэмрэ Черкесск къалэм и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсамрэ я жэрдэмкIэ. 

ЕгъэджэныгъэмкIэ центр №11-м и 8 классым щIэсхэм фIэхъус ярихащ КъШР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Ляшовэ Еленэрэ КъШР-м и ЦIыхубэ зэхуэсым и комитетым и унафэщIымрэ. 

Андрей еджакIуэхэм яхутепсэлъыхьащ КъегъэлакIуэ Христос Архыз Теплъэм зэрыIущIауэ щытам 2001 гъэм щIышылэм. Абы иужькIэ ар фIэщхъуныгъэ зиIэ хъуащ, жэуаплыныгъэ зэрихьыр зыхищIыкIыу, щIыуэпсым и къулеягъыр ихъумэн зэрыхуейр. И сурэттехыр иIыгъыу абы тхыдэ фэеплъ щIыпIэхэр Къэрэшей-Шэрджэсым къыщызэхикIухьащ.

Сурэттехым и ныбжьэгъухэм къыхагъэщащ Архыз теплъэм и дэкIуеипIэр абы и жэрдэмкIэ зэращIар, турист, щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну къакIуэ цIыху мин бжыгъэхэр иджыпсту зэрызекIуэр. Пинкин Андрей и сурэт гъэлъэгъуэныгъэр УФ-м и Къэрал думэм щекIуэкIащ икIи Москва КъегъэлакIуэ Христос и Члисэм выставкэ къыщызэрагъэпэщыныр къызыбгъэдэкIар аращ. Андрей тхылъиплI и Iэдакъэ къыщIэкIащ.

Зэхыхьэр и кIэм щынэблагъэм Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам  и щоджэн Гурин Александр Къэрэшей-Шэрджэсым и чристэн члисэхэм я гугъу ищIащ, сурэттехым и лэжьыгъэхэм икIи Пинкин Андрей фIыщIэ хуищIащ и Iэзагъэм папщIэ.

1520
Фотогалерея