ДыгъафIэ къалэм щекIуэкIащ экологие мастер-класс

21.05.2022
Просмотры: 1337

2022 гъэм накъыгъэм и 18-м ЕссэнтIыгу къалэм и СГПИ-м и щIэныгъэ къудамэм, Кисловодск Лъэпкъ паркым и гъусэу мастер-класс иригъэкIуэкIащ епархием и «ДыгъафIэ къалэм».

Эколоволонтёрхэм я гъусэу дэтхэнэ зы сабийми и IэкIэ игъэхьэзырыжащ горшокыр икIи удз гъагъахэр игъэтIысащ, унэм иужькIэ ихьыжу зэлэжьынур. 

Зэпсэлъэныгъэр гъэщIэгъуэн икIи щхьэпэ хъуащ: егъэджакIуэхэм зыхуагъэсащ сабийхэм зэрепсэлъэнум, «ДыгъафIэ къалэм» и гъэсэнхэм ныбжьэгъущIэхэр зрагъэпэщащ. 

 

ЕгъэджакIуэ хъунухэм зыIэрагъэхьэ Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр иужькIэ къахуэщхьэпэнущ. КъищынэмыщIауэ, студентхэр гуапагъэм хуоджэ, я IэщIагъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэм!», - жиIащ институтым щIэныгъэ-методикэ лэжьыгъэхэмкIэ и IэщIагъэлI Картушинэ Людмилэ. 

1337
Фотогалерея