2022 гъэм накъыгъэм и 18-м, Тхьэм и Анэм и Мэздэгу тхьэнапэм и фэеплъ махуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ КъБР-м и Прохладнэ къалэм и Никольскэ члисэм.
Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ епархием и щоджэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къэзакъхэр, къалэдэсхэр, Псыхуабэ епархием икIыу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр.
Литургие нэужьым Щихънагъым зэгъусэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ икIи Тхьэм и Анэм елъэIуащ. ФIэщхъуныгъэ зиIэхэм защыхуигъазэм архиепископ Феофилакт фIыщIэ яхуищIащ къалэ властым, махуэшхуэ тхьэлъэIум зэрыщызэкъуэувам папщIэ.