Черкесск зауэм хэкIуэдахэм я щIыпIэхэм зэгъусэ тхьэлъэIу щекIуэкIащ

11.05.2022
Просмотры: 1788

2022 гъэм накъыгъэм и 9-м Черкесск и Покров члисэм щыщIэдзауэ Хэку зауэшухэм и зауэлI сымаджэщхэм дунейм щехыжахэр щыщIалъхьа щIыпIэхэм зэгъусэу Тхьэ щелъэIуащ. Къэрэшей-Шэрджэсым и щоджэнхэмрэ члисэм екIуалIэхэмрэ Покров члисэм и тхьэлъэIум щызэхуэсащ, иужькIэ щоджэнхэм тхьэлъэIу щрагъэкIуэкIащ щоджэн нэхъыжь Афонин Василий и кхъащхьэм деж, Къэрэшей-Шэрджэсым и чристэн члисэхэм я благочиннэм. IутIыж уэрэдхэр фIэщхъуныгъэ зиIэхэм зэгъусэу жаIащ къалэкхъэм щыщIэдзауэ Хэкум и хъумакIуэхэм я фэеплъым нэс икIи Тхьэ щелъэIуащ.

ТхьэлъэIу нэужьым Псыхуабэ епархием и Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Нартов Александр фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

1788
Фотогалерея