Псыхуабэ Тхьэ щелъэIуащ хэкIуэда зауэлIхэм папщIэ

09.05.2022
Просмотры: 2084

2022 гъэм накъыгъэм и 9-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Псыхуабэ и фэеплъым удз гъэгъахэр трилъхьащ икIи къалэм и хъумакIуэхэм я псэр зэгъэн папщIэ IутIыж тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ.

«Тхьэр тщIыгъущ! Ди зауэлIхэр тщIыгъущ, ди нэхъыжьхэр, щIэблэр ди гъусэщ. Дызэгъусэщ, ди ТекIуэныгъэр зыми еттынукъым, Тхьэм къыдипэса текIуэныгъэр сыт щыгъуи тщIыгъунущ. Христос ЛIахэм къахэтэджыкIыжащ!», - жиIащ Пастыр нэхъыщхьэм и тхьэлъэIур щызэхуищIыжым.  

КИФЩI-м и къалащхьэм и сайтым хъыбар къызэрыщыхьамкIэ, фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ Псыхуабэ и Iэтащхьэ Ворошилов Дмитрий, къалэм и ветеранхэм я Советым, депутатхэм, къалэ администрацэм и лIыкIуэхэм, Псыхуабэ и члисэхэм я щоджэнхэм, IуэхущIапIэхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ я унафэщIхэм, ветеранхэм, армеец ныбжьыщIэхэм, къалэм щыппсэухэмрэ и хьэщIэхэмрэ.

 

 

2084
Фотогалерея