Пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэм щыIущIащ Тырныауз

07.05.2022
Просмотры: 2741

2022 гъэм накъыгъэм и 6-м, Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Георгий и фэеплъ махуэм, пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэм щыIущIащ КъБР-м и Тырныауз къалэм и Георгиевскэ члисэм и зэгухьэныгъэм. ТхьэлъэIу литургиер Къэбэрдей-Балъкъэрым и екIуэлIапIэхэм ящыщ зым щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием и Налшык округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентин благочинием и щоджэнхэм я гъусэу. Литургие нэужьым щоджэнхэмрэ екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ зэгъусэу тхьэлъэIу ирагъэкIуэкIащ. 

***
Тырныауз и зэгухьэныгъэм илъэс 30 ипэкIэ, 1992 гъэм зэхуэсын щрагъэжьащ. 1999 гъэм шыщхьэуIум къалэ администрацэм тхьэлъэIупIэу  яхухиха лабораторэм япэ литургиер щрагъэкIуэкIащ. 2001-2008 гъэхэм члисэр зэрагъэпэщыжащ икIи иджырей теплъэр игъуэтащ. 2011 гъэм шыщхьэуIум и 4-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я  архиепископ Феоилакт члисэр игъэнэхуащ. 

2741
Фотогалерея