1утIыж концертыр щрагъэкIуэкIащ музыкэ колледжым

30.04.2022
Просмотры: 1518

2022 гъэм мэлыжьыхьым и 28-м Ставрополь крайм Сафоновым и цIэр зезыхьэ и музыкэ колледжым, Псыхуабэ еапрхием щэнхабзэмкIэ и къудамэр и дэIэпыкъуэгъуу IутIыж концерт щрагъэкIуэкIащ. Колледжым и студентхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ духовнэ лэжьыгъэхэр щагъэлъэгъуащ Минводы къалэм щыпсэухэм, Мариуполь щекIуэкI зауэм зи щхьэ къыхэзыхахэм  я пащхьэм деж. Концерт нэужьым абы хэтахэмрэ зэхуэсахэмрэ ехъуэхъуащ къалэм и Никольскэ члисэм и унафэщI щоджэн Чемодуров Кирилл, дэтхэнэми IутIыж саугъэтыр тыгъэ хуэзыщIар.

1518
Фотогалерея