Архиепископ Феофилакт къыщыпсэлъащ зэIущIэм

29.04.2022
Просмотры: 1690

Псыхуабэ къалэм и сайтым къызэрыщыхьамкIэ, 2022 гъэм мэлыжьыхьым и 28-м зэхэтащ «Победа над всех одна» зэIущIэр, Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщахьрэ илъэс 77-рэ щрикъум ирихьэлIэу. ЗэIущIэм хэтащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт. 

Ставрополь дизайнымкIэ и училищэм и выставкэм щызэхуэсащ лъэпкъ-щэнхабзэ центрым и зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэр, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм я пашэхэр, егъэджакIуэхэр, политологхэр, лъэпкъ, дин зэхущытыкIыхэмкIэ экспертхэр. 

ЗэIущIэм хэтхэр къытеувыIащ совет лъэпкъым Хэку зауэшхуэм къыщихьа текIуэныгъэм, щIалэгъуалэм я гъэсэныгъэм. Зэхуэсахэр къытеувыIащ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм ТекIуэныгъэм хуащIа хэлъхьэныгъэхэм, лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм. 

Зэхыхьэ нэужьым абы хэтахэр еплъащ выставкэм.

1690
Фотогалерея