2022 гъэм мэлыжьыхьым и 27-м, тхьэмахуэ нэхум и бэрэжьейм, Успенскэ Второафонскэ Бештаурскэ цIыхухъу къулъшырыфым и щоджэнархимандрит, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ «Не рыдай Мене, Мати» тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ члисэ унэм.
Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ щоджэн нэхъыжь Лиманов Гермоген, Псыхуабэ епархием ЕссэнтIыгу щиIэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий, къулъшырыфым щыIэ къуэшхэр. ТхьэлъэIум хыхьэу Тхьэ елъэIуащ икIи Христос и Щэхухэм зыхагъэгъуэзащ Псыхуабэ епархием и цIыхубз къулъшырыфым и игумение Варварэ (Шурыгинэ), Тамарэ (Ушаковэ), къулъшырыфым щыIэ къуэшхэм, Кавказым и Минводы и къалэхэм къикIыу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну къэкIуахэм.
ТхьэлъэIу нэужьым махуэшхуэм хэтахэм IутIыж шхыныгъуэхэр хуагуэшащ.
***
Игумен корпусым и члисэ унэр 2015 гъэм и мэкъуауэгъуэм ягъэнэхуащ. Илъэсым къриубыдэу щоджэнархимандрит архиепископ Феофилакт абы тхьэлъэIухэр щрегъэкIуэкI. Тхьэмахуэ нэхум члисэм екIуэлIэфынущ къулъшырыфым щыIэхэр.