Сабий цIыхубэ ансамблым зыкъыщигъэлъэгъуащ IутIыж махуэшхуэм

27.04.2022
Просмотры: 1658

КъБР-м и Прохладнэ къалэм и Никольскэ члисэм и тхьэмахуэ школым IутIыж концерт щрагъэкIуэкIащ. Абы ирагъэблэгъащ ГъуазджэхэмкIэ Сабий школым и «Родничок»IуэрыIуатэ ансамблым и артист ныбжьыщIэхэр. Члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Маршалкин Андрей хьэщIэхэр члисэм иригъэблэгъащ икIи махуэшхуэм – Христос и IутIыжым яхутепсэлъыхьащ. 

ИужькIэ зэгъусэ махуэшхуэ концерт ирагъэкIуэкIащ. НыбжьыщIэхэр тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэм я усэхэмрэ уэрэдхэмрэ едэIуащ, я зэфIэкIхэр къагъэлъэгъуащ, «Репка» гуащэ театрым еплъащ, зэпеуэхэм хэтащ. Концерт нэужьым унафэщIым махуэшхуэм хэтхэм IутIыж саугъэтхэр яритащ. Махуэшхуэр щиухым члисэм и уэзджынэр гукъыдэж зиIэ дэтхэнэми игъэзууащ.

1658
Фотогалерея