ЩIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр зауэм и лIыхъужьхэм я фэеплъым деж Тхьэ щелъэIуащ

28.03.2022
Просмотры: 2188

2022 гъэм гъатхэпэм и 27-м Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам екIуалIэхэр зыплъыхьакIуэ щыIащ КъШР-м и Эркен Шахар къуажэм щихъ Саровский Серафим и цIэр зезыхьэ и члисэмрэ Спартэ къуажэм и Тхьэнапищ члисэмрэ. Щихъ Саровский Серафим и цIэр зезыхьэ члисэм и унафэщI щоджэн Иманов Алексей члисэм и тхыдэм тепсэлъыхьащ, лъапIэныгъэхэр игъэлъэгъуащ. ИужькIэ екIуэлIапIэм кIуэхэм хьэщIэхэр ирагъэблэгъащ шхапIэм, унафэщIым щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну къэкIуахэм гуапэу епсалъэурэ. 

Спартэ къуажэм хьэщIэхэм щыIущIащ Апсуан къуажэм и депутат Дибижев Григорий. Григорий члисэм защригъэплъыхьащ, фэеплъ сурэтхэм иригъэплъащ. ЩIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуэхэм псом хуэмыдэу ягу ирихьащ члисэжьыр, 1924 гъэм яухуар. Члисэр зэхэзехуэн щащIам яхъумащ, тхьэнапэжьхэр щахъумэ, музей пэлъытэу. Григорий хьэщIэхэр иригъэжьэжащ икIи Хэку зауэшхуэм и фэеплъым нэс. Члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн Гурин Александр и гъусэу, фIэщхъуныгъэ зиIэхэр хэкIуэда зауэлIхэм папщIэ Тхьэ елъэIуащ. 

2188
Фотогалерея