Архиепископ Феофилакт тхьэлъэIухэр щригъэкIуэкIащ Подкумок къуажэм и члисэм

26.03.2022
Просмотры: 2193

2022 гъэм гъатхэпэм и 26-м, нэщI иным адэ-анэхэм я щэбэт фэеплъым, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ Подкумок къуажэм и Свято-ТРоицкэ члисэм. ТхьэлъэIу литургием хыхьэу Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием и Кисловодск округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн, члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Вобликов Николай, къардэн Нестеренкэ Сергий. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къуажэдэсхэр. Литургие нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи къулыкъур иригъэкIуэкIащ.

2193
Фотогалерея