Архиепископ Феофилакт щэбэт тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ

20.03.2022
Просмотры: 2762

2022 гъэм гъатхэпэм и 19-м, НэщI Иным и япэ щэбэтым, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ Боргустанскэ станицэм и Георгиевскэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием Кисловодск округым щиIэ благочиннэ щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн, члисэм и унафэщI щоджэн Чеканов Борис, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ станицэм дэсхэр. Литургие нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ.

 

2762
Фотогалерея