2022 гъэм мазаем и 26-м, адэ-анэхэм лыхэкI зыщIэлъ шхыныгъуэхэр щамышх щэбэтым, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ КъБР-м и Прохладнэ къалэм и Покров члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием Налшык щиIэ округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентин я пашэу, епархием къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефанрэ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрийрэ я гъусэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ Тэрч къэзакъыдзэм и атаман Кузнецов Виталий, къэзакъхэр, къалэм щыпсэухэр. Литургие нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ хэкIуэда чристэнхэм папщIэ.