Архиепископ Феофилакт тхьэлъэIукIэ игу къигъэкIыжащ Тхьэм и Анэ ЛъапIэр

25.02.2022
Просмотры: 3171

2022 гъэм мазаем и 25-м, Тхьэм и Анэм и Иверскэ тхьэнапэм и махуэшхуэм ирихьэлIэу, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам и Иверскэ приделым и пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр игъэлъэпIащ. ТхьэлъэIу литургием хыхьэу щоджэн нэхъыщхьэм члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэм къулыкъур ирагъэкIуэкIащ. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэдэсхэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ. Литургием хыхьэу Украинэм мамырыгъэр щызэфIэувэжыну тхьэлъэIур ирагъэкIуэкIащ. ТхьэлъэIу нэужьым Щихънагъым Тхьэм и Анэр и теплъэм деж щигъэлъэпIащ, члисэ зэхуэхьэсам папщIэ Афон бгы лъапIэм щагъэхьэзырам 1874 гъэм, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

3171
Фотогалерея