Архиепископ Феофилакт иригъэкIуэкIащ Порт-Артур къуажэм и пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр

23.02.2022
Просмотры: 3007

2022 гъэм мазаем и 23-м, Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Харлампий и фэеплъ махуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча щихъым и члисэ Порт-Артур къуажэм щыIэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием и Минераловодскэ округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Кубэ Димитрий я пашэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъIэуащ члисэм и ктитор Шанхазаров Одиссей, къуажэдэсхэр, гъунэгъу къалэхэмрэ къуажэхэмрэ икIыу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъIэуну кIуахэм. Литургие нэужьым Щихънагъым щоджэн нэхъыжь Харлампий папщIэ Тхьэ елъэIуащ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

3007
Фотогалерея