Тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэр ехъуэхъуащ ветераным

23.02.2022
Просмотры: 2253

Хэкум и хъумакIуэхэм я махуэм и пэ къихуэу Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэр ТекIуэныгъэм и Паркым щыIащ. ЕгъэджакIуэхэм ягу къагъэкIыжащ Хэкур лIыгъэ зрахьэу зэрахъумар. ИужькIэ гъэсэнхэм щоджэн Гурин Александр я гъусэу ветеран Дауров Джагафар ехъуэхъуащ. Джагафар иджыри сабийуэ хэтащ партизан Iуэхум. Ветераныр ядэгуэшащ и гукъэкIыжхэмкIэ икIи хьэщIэхэм фIыщIэ яхуищIащ я хъуэхъухэм папщIэ.

2253
Фотогалерея