Псыхуабэ Тхьэ щелъэIуащ зауэлI-интернационалистхэм папщIэ

16.02.2022
Просмотры: 2368

2022 гъэм щIышылэм и 15-м Псыхуабэ епархием IэщэкIэ зэщIэузэда и къарухэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм, пенитенциарнэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Сорокин Константин къыщыпсэлъащ зи Хэкум пэIэщIэу къулыкъу зыщIэхэм я фэеплъ махуэмрэ Афган зауэр илъэс 33-рэ зэрырикъумрэ теухуа пэкIум.

ПэкIур щекIуэкIащ Псыхуабэ и «Чёрный тюльпан» фэеплъым деж. ЗауэлI-интернационалхэр ягу къагъэкIыжыну зэхуэсащ къалэ думэм и депутатхэр, Псыхуабэ администрацэм и лIыкIуэхэр, зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэр, псыхуабэдэсхэр – Афган зауэм хэтахэр, цIыхубзхэм я советым хэтхэр, хэкIуэда зауэлIхэм я Iыхьлыхэр, Пост №1-м и армеец ныбжьыщIэхэр.

Щоджэным пэкIум хэтхэм захуигъэзащ икIи тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ зи фIэщхъуныгъэмрэ Хэкумрэ щIэбэна зауэлIхэм папщIэ.

2368
Фотогалерея