2022 гъэм мазаем и 14-м пщыхьэщхьэм, Сретения махуэшхуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам тхьэлъэIур щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэдэсхэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ.
2022 гъэм мазаем и 15-м, махуэшхуэм, архиепископ Феофилакт пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр апостол пэлъытэ Магдалинэ Марие и цIэр зезыхьэ члисэ зэхуэхьэсам и Сретенскэ приделым щригъэкIуэкIащ. ТхьэлъэIу литургием щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур щыдрагъэкIуэкIащ КъБР-м и екIуэлIапIэхэм я щоджэнхэм члисэ зэхуэхьэсам и унафэщI, Псыхуабэ епархием Налшык щиIэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентинрэ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрийрэ. Пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэм щызэхуэсащ Налшык члисэм екIуалIэхэр.
Литургие нэужьым Щихънагъым махуэшхуэ тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ икIи шэху уэздыгъэхэр игъэнэхуащ, иужькIэ фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.