Прохладнэм ягу къыщагъэкIыжащ щоджэн нэхъыжь Кубэ Иоанн

09.02.2022
Просмотры: 2897

Щоджэн нэхъыжь Кубэ Иоанн дунейм зэрехыжрэ илъэситху щрикъум Псыхуабэ епархием и Налшык округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентин я пашэу, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий я гъусэу КъБР-м и Прохладнэ къалэм и Никольскэ члисэм щызэхуэсащ, дунейм ехыжа, члисэм и унафэщIу щытар ягу къагъэкIыжын папщIэ. Илъэс 42-м щыщу 34-м Иоанн щоджэн къулыкъур Никольскэ члисэм щрихьэкIащ. Щоджэнхэм я гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэдэсхэр, дунейм ехыжам и Iыхьлыхэр. ТхьэлъэIу литургие нэужьым щоджэнхэр Тхьэ щелъэIуащ щоджэныр щыщIалъхьэжам деж.

2897
Фотогалерея