Унагъуэ 75-м дэIэпыкъуныгъэхэр хуащIащ Москва Патриархием и грантым къыхэкIыу

28.01.2022
Просмотры: 2372

«Анэхэм папщIэ унэ» кризис центрыр хуэныкъуэхэм доIэпыкъу Москва Патриархием и грантым къыхэкIыу.ЩIышылэм и етIуанэ Iыхьэм унагъуэ 75-м дэIэпыкъуныгъэхэр щыхуащIащ Красногорскэ станицэм, Орджоникидзевскэ къуажэм, Къэрэшей-Шэрджэсым и Карачевскэ къалэм. «Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэм ерыскъыпхъэхэмрэ къабзагъэм зэрыкIэлъыплъ хьэпшыпхэмрэ щIигъужащ «Маме в помощь» центрым къыбгъэдэкIыу фэилъхьэгъуэхэр.

Красногорскэ станицэм щэнхабзэмкIэ и унэм дэIэпыкъуныгъэхэр щыхуащIащ, унагъуэхэм я списокыр зэхалъхьащ станицэм и администрацэм и лэжьакIуэхэм. КъызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ хуащI станицэм и администрацэм и Iэтащхьэ Бахтинэ Николай.

Псапэ IуэхуитI щрагъэкIуэкIащ Орджоникидзевскэ къуажэмрэ Карачаевскэ къалэмрэ я члисэ екIуэлIапIэхэм. А члисэхэм я унафэщI щоджэн Фоменкэ Сергийрэ Еленэрэ гуапэу ирагъэблэгъащ волонтёрхэм икIи дэIэпыкъуныгъэхэр хуащIащ.

2372
Фотогалерея