ЕкIуэлIапIэм кIуэхэм члисэжьым зыщаплъыхьащ

27.01.2022
Просмотры: 2498

2022 гъэм щIышылэм и 23-м Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и тхьэмахуэ школым экскурсие щрагъэкIуэкIащ Усть-Джегуты и Михайловскэ члисэм. ФIэщхъуныгъэ зиIэхэм я гъусащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн гурин Александр. Черкесск къалэм щикIым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм къащIащ Баталпашинскэ зэхэуэ Абазинкэ псыеэхым деж щекIуэкIам теухуахэр.

Члисэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм гулъытэ щыхуащIащ тхьэнапэжьхэм – Тхьэм и Уэхьий Михаил ейм, зэхакъута Николаевскэ члисэ зэхуэхьэсам щахъумам, нэгъуэщIхэми, Тхьэм и Анэм и тхьэнапэ Афон бгы лъапIэм и Дохиар къулъшырыфым щыIэм. А теплъэм деж хьэщIэхэр Тхьэ щелъэIуащ.

ЗыплъыхьакIуэм хэтахэм зэгъусэу сурэт зытрагъэхащ.

2498
Фотогалерея