Кубань къэзакъхэр Тхьэ елъэIуащ зи щIыналъэм ирагъэIэпхъукIахэм папщIэ

24.01.2022
Просмотры: 3196

Черкесск кубань къэзакъхэм ягу къыщагъэкIыжащ къэзакъхэм зэрыпэщIэтрэ илъэси 103-рэ зэрырикъур. Фэеплъ пэкIумрэ тхьэлъэIумрэ щрагъэкIуэкIащ къалэм и Покров члисэм, жоррэ фэеплъ пхъэбгъурэ щагъэувам деж.

ПэкIум хэтащ Кубань къэзакъыдзэм и атаманым и къуэдзэ Лях Павел, КъШР-м и Правительствэм хэтхэр, къалэ мэрием щыщхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр. Баталпашинскэ къэзакъ къудамэм и щоджэн нэхъыжь Соколов Геннадий тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ, яуIка, зи щIыналъэм ирагъэIэпхъукIыу ягъэкIуэда къэзакъхэм папщIэ.

КъШР-м и Правительствэм и унафэщIым и къуэдзэ Гордиенкэ Евгений къыхигъэщащ нэхъыжьхэм я фэеплъыр зэрамыгъэкIуэдын, хабзэхэр яхъумэн, нэхъыжьхэмрэ щIэблэмрэ зэрыIыгъын зэрыхуейр. Лях Павел ягу къигъэкIыжащ къэзакъхэр я щIыналъэм ирагъэIэпхъукIын зэрырагъэжьар, тхыдэджхэмрэ лъахэхутэхэмрэ гузэвэгъуэр къахутэну къазэрыпэщылъыр. Зэхыхьэр щиухым жорым удз гъэгъахэр тралъхьащ.

3196
Фотогалерея