Кисловодск зэгъусэ тхьэлъэIу щрагъэкIуэкIащ

21.01.2022
Просмотры: 2134

2021 гъэм щIышылэм и 19-м, Тхьэр умэхъын щащIа махуэшхуэм, тхьэлъэIу литургие нэужьым Кисловодск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам къалэ-зыгъэпсэхупIэм зэгъусэ тхьэлъэIу щрагъэкIуэкIащ. ФIэщхъуныгъэ зиIэхэм уэзджынэ макъым щIэту махуэшхуэ уэрэдхэр жаIэу Никольскэ псынэпс зыгъэпсэхупIэ паркым щыIэм кIуащ.

Псы гъэнэхун къулыкъур иригъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и унафэщI, Псыхуабэ епархием и Кисловодск округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн къалэм и члисэхэм я щоджэнхэм щIыгъуу. Зэгъусэ тхьэлъэIумрэ псы гъэнэхун къулыкъумрэ хэтащ зыгъэпсэхупIэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ, Чристэн гимназием и гъэсэнхэр, къалэм и къэзакъ зэгухьэныгъэм и къэзакъхэр.

ТхьэлъэIу нэужьым благочиннэр щоджэнхэмрэ фIэщхъуныгъэ зиIэхэмрэ ехъуэхъуащ, махуэшхуэм и тхыдэмрэ и мыхьэнэмрэ ягу къигъэкIыжащ. Апхуэдэу Иоанн захуигъэзащ псы лъапIэм пщIэ хуащIыну.

2134
Фотогалерея