«ДыгъафIэ къалэм» щызэхалъхьэжащ псапэ Iуэхум кърикIуахэр

21.01.2022
Просмотры: 2001

Псыхуабэ епархием и «ДыгъафIэ къалэ» центрым щызэхалъхьэжащ «Хъуромэ хуабэ» Iуэхум кърикIуахэр. ДэIэпыкъуныгъэ хуащIащ ЕссэнтIыгу, Псыхуабэ, Лермонтовэ, Предгорнэ, Ставрополь крайм и Минераловодсэ районхэм щыщхэм. ПсапащIэхэм я фIыгъэкIэ мазэ бжыгъэкIэ зыхурикъуну ерыскъыпхъэхэр зэхуахьэсащ. «Добрые сердцем» зэгухьэныгъэм и волонтерхэм центрым и нэIэм щIэтхэм я хъуэпсапIэхэр зрагъэхьулIащ. СГПИ-м ЕссэнтIыгу щиIэ къудамэм и студентхэр гуманитар дэIэпыкъуныгъэхэр зэбграгъэхынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ. Волонтерхэм фIыщIэ яхуищIащ «ДыгъафIэ къалэ» IуэхущIапIэм и унафэщI Земцевэ Екатеринэ.

2001
Фотогалерея