Щоджэнхэр IущIащ ЕссэнтIыгу къалэм и егъэджакIуэхэм

20.01.2022
Просмотры: 2161

Щихъ Василий и фэеплъ махуэм ЕссэнтIыгу къалэм и Пантелеимоновскэ члисэм тхьэлъэIу щрагъэкIуэкIащ ИлъэсыщIэм папщIэ Ар иригъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием и ЕссэнтIыгу округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан. ТхьэлъэIум щызэхуэсащ къалэ школым и унафэщIхэм егъэджэныгъэмкIэ управленэм и унафэщI Данилов Артем.

ТхьэлъэIу нэужьым хьэщIэхэр ирагъэблэгъащ шей ефэну, благочинием и екIуэлIапIэхэм драгъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм къытеувыIащ.

Члисэм и унафэщI щоджэн Журавлев Михаил егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм ИлъэсыщIэ тыгъэу яритащ «Патриарх Кирилл. Мысли на каждый день года» тхылъ саугъэтыр.

Зэхыхьэр щиухым зэгъусэу сурэтхэр зытрагъэхащ.

2161
Фотогалерея