Черкесск япэу утыку къыщрахьащ Баталпашинскэ къеджэныгъэхэм я япэ щIэныгъэ лэжьыгъэхэр

20.01.2022
Просмотры: 2250

Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам щекIуэкIащ Баталпашинскэ къеджэныгъэхэм я япэ щIэныгъэ лэжьыгъэм и лъэтеувэ. Абы хагъэхьащ II Баталпашинскэ къеджэныгъэхэм я докладхэр, члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэм къызэрагъэпэщахэр, «Царьград» зэгухьэныгъэм жыджэру хэтхэр, Кубань къэзакъыдзэм и Баталпашинскэ къудамэм и къэзакъхэр. Лэжьыгъэм хагъэхьащ Белорусием, Краснодар крайм, Ставрополь крайм, Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэхэр.

Зэхыхьэм къыщыпсэлъащ члисэ зэхуэхьэсам и ключарь щоджэн нэхъыжь Кузнецов Сергий, «Царьград» къудамэм и унафэщI Струговцов Денис, Баталпашинскэ къэзакъ зэгухьэныгъэм и атаманым и дэIэпыкъуэгъу Чапура Николай, рецензентхэр, редколлегием щыщхэр, тхыгъэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIахэр. Щоджэн нэхъыжь Кузнецов Сергий зэхыхьэм хэтхэм ялъигъэIэсащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъыр. Тхыдэджхэр, лъахэхутэхэр, тхыгъэм зи лэжьыгъэ хагъэхьахэр.

III Баталпашинскэ къеджэныгъэхэр траухуащ Къэрэшей-Шэрджэсыр илъэси 100 зэрырикъум, члисэ лъапIэныгъэхэм. Зэхыхьэ нэужьым Члисэ тхыдэ музейм зыщрагъэплъыхьащ.

2250
Фотогалерея