Архиепископ Феофилакт литургие щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Следственнэ изоляторым

05.01.2022
Просмотры: 1726

2022 гъэм щIышылэм и 4-м, щихъ Анастасие и фэеплъ махуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт пащтыхь гуфIэгъуэ махуэшхуэр щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и СИЗО №2-м и члисэм.

ТхьэлъэIу литургием хыхьэу Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм, пенитенциарнэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Сорокин Константин, щоджэн Чурков Сергий, СИЗО-р зи нэIэм щIэтыр, къардэн Нестеренко Сергий. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ ягъэтIысахэр, тезыр зрагъэпшынхэр.

Литургие нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. ИужькIэ Пастыр нэхъыщхьэм хъуромэ саугъэтхэр яритащ икIи ягъэтIысахэм епсэлъащ.

1726
Фотогалерея