Черкесск ягу къыщагъэкIыжащ зи щIыналъэм ирагъэIэпхъукIауэ щыта щоджэныр

05.01.2022
Просмотры: 2097

Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам ягу къыщагъэкIыжащ Члисэр зэхэзехуэн щащIа зэманым зи фIэщхъуныгъэм папщIэ Къэрэшей-Шэрджэсым бэлыхь щыхагъэта щоджэн Щербаков Лукэ. 1938 гъэм щIышылэм и 1-м Маруха къуажэм и Къэзан члисэм и щоджэн Щербаков Лукэ яукIыну унафэ ящIащ Псыхуабэ епархием щихъхэр канон щIынымкIэ и комиссэм и секретарь щоджэн Гурин Александр щоджэным папщIэ тхьэлъэIу къулыкъур иригъэкIуэкIащ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм яхутепсэлъыхьащ абы и гъащIэм.

***

Щербаков Лукэ 1870 гъэм жэпуэгъуэм и 10-м Забайкал областым хыхьэ Завод-Александровскэ къуажэм къыщалъхуащ. И адэ Степан революцэм и пэкIэ Забайкальем дыщэ къыщIэхыпIэхэр щиIащ, цIыху 500-м щIигъу щылажьэу. Хужьхэр къыщыкIуам Благовещенск къалэм щыхэкIуэдащ. Илъэс 16 щыхъум Лукэ къалэ училищэм и класситIыр къиухащ. 1897 гъэм ар щIэтIысхьащ Благовещенск и духовнэ семинарием, дзэ Iуэхум и курсхэр къыщиухам. Семинарие нэужьым щоджэн къулыкъур къыхуагъэфэщащ икIи кавалерие частым и офицер хъуащ. 1901-1914 гъэхэм щоджэн къулыкъур къыщыхуагъэфэщащ Забайкал областым и щIыпIэ зэхуэмыдэхэм. 1914-1918 гъэхэм Япэ дунейпсо зауэм кIуащ, офицеру 1917 гъэ пщIондэ зыхэтам. Армэр зэрызэбграгъэкIыжам папщIэ 1917 гъэм, и къулыкъум щыпищащ генерал Деникиным и деж. 20 гъэхэм щоджэн къулыкъум пэрыхьэжащ. 1927 гъэм хэхыныгъэхэм пэIэщIэ ящIащ уэркъ унагъуэм къызэрыхэкIам, офицеру, щоджэну зэрыщытым папщIэ. Ар тхуэ и щIыналъэм ирагъэIэпхъукIащ. 1919 гъэм япэу ягъэтIысащ. ЕтIуанэу 1930 гъэм. И къуэш Щербаков Николай ягъэтIыса нэужь, 1930 гъэм яукIар, мазитIкIэ ягъэтIысащ, иужькIэ щхьэхуит къащIыжащ къуаншагъэ бгъэдэлъу къыщамыгъуэтым. Ещанэу 1934 гъэм ягъэтIысащ. Члисэм Совет властым щыпэщIэтыу къалъытэри. МазищкIэ щысащ. ИужькIэ щхьэхуит къащIыжащ. 1937 гъэм аргуэру ягъэтIысащ. Налог зэримытым къыхэкIыу лэжьакIуэ ягъэкIуащ илъэситхукIэ и щхьэхуитыныгъэм пэIэщIэ ящIыу. 1937 гъэм дыгъэгъазэм и 31-м етхуанэу ягъэтIысащ. Революцэ къаIэтыну къызэрызэщIигъэстым, конституцэм зэрибийм, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и хэхыныгъэхэм зэрыпэщIэтым папщIэ. Лукэ къуаншэу зыкъилъытэжакъым. 1938

гъэм щIышылэм и 1-м яукаIщ. 1990 гъэм щIышылэм и 26-м ар ягъэзэхуэжащ. Щоджэным и сурэт ягъуэтакъым, ауэ абы къулыкъухэр щигъэзэщIа Марухэ къуажэм и Къэзан члисэм и сурэтхэр къагъуэтащ. Члисэр XX лIэщIыгъуэм и 50-60 гъэхэм зэхакъутащ.

2097
Фотогалерея