Щоджэнхэмрэ волонтёрхэмрэ къалэ сымаджэщым кIуащ саугъэтхэр яIыгъыу

04.01.2022
Просмотры: 1413

Псыхуабэ и Лазаревскэ члисэм и щоджэн Лазэ Андрей члисэ сымаджэщым и унафэщI щоджэн Видяпин Александррэ щIалэгъуалэмрэ я гъусэу щыIащ КИФЩI-м и япэ къалэ сымаджэщым. Илъэситхум щIигъуауэ екIуэлIапIэм кIуэ щIалэгъуалэр щIоупщIэ щIымахуэ зыгъэпсэхугъуэхэм сымаджэщым зи узыншагъэр щезыгъэфIакIуэхэм.

Щоджэнхэмрэ волонтёрхэмрэ гуапэу ехъуэхъуащ сымаджэщым щылажьэхэмрэ абы зи узыншагъэр щезыгъэфIакIуэхэмрэ ИлъэсыщIэмкIэ, къэблагъэ Христос и ХъуромэмкIэ, я узыншагъэр зэтеувэжыну зыхуагъэзащ, IэфIыкIэхэр иратащ.

Лазаревксэ члисэм и зэгухьэныгъэм иджыри зэ фIыщIэ хуещI ныбжьэгъухэмрэ ПсапащIэхэмрэ гуапагъэ зэралэжьам папщIэ.

1413
Фотогалерея