Унагъуэхэм я дэIэпыкъуэгъу хэщIапIэ хъуащ члисэхэр

31.12.2021
Просмотры: 1499

Псыхуабэ епархием и «Анэхэм папщIэ унэ» кризис IуэхущIапIэм щрагъэжьащ унагъуэхэм дэIэпыкъуным ехьэлIа Iуэхур, Москва Патриархием пандемием ирихьэлIэу и грантым къыхэкIыу.

Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ, 2021 гъэм дыгъэгъазэм и 22-м центрым и IэщIагъэлIхэм гуманитар дэIэпыкъуныгъэ хуащIэну кIуащ Орловкэ, Коммаяк, Горнозаводскэ, Комсомолец къуажэхэм, Новопавловскэ благочинием и Советскэ станицэм (Ставрополь крайм и Кировскэ къалэ округ).

ИлъэсыщIэ махуэшхуэхэм ирихьэлIэу ерыскъы, къабзагъэм зэрыкIэлъыплъ Iэмэпсымэхэр, щыгъынхэр, зэрыджэгу хьэпшыпхэр иратащ унагъуэ хуэмыщIа 80-м къуажэ 12-м щыщу. Сабийхэмрэ анэхэмрэ щызэIущIащ члисэхэм, абыхэм я спискэхэр унафэщIхэмрэ екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ зэхалъхьащ.

1499
Фотогалерея