Черкесск щекIуэкIащ урысыбзэмрэ щэнхабзэмрэ хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ теухуа конференцэ

25.12.2021
Просмотры: 1950

Къэрэшей-Шэрджэсым егъэджэныгъэм и лэжьакIуэхэм я щIэныгъэ щыхагъахъуэ институтым щIэныгъэ-практикэ конференц щекIуэкIащ - «Сохранение и развитие русского языка и культуры в Карачаево-Черкесской республике». Зэхыхьэр къызэригъэпэщащ лъэпкъ, печатымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ республикэ министерствэмрэ «Архыз 24» телеканалымрэ.

Пленарнэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъШР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ коммуникацэхэмрэ печатымкIэ и министр Агъырбэ Зураб, КъШР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Ляшовэ Еленэ, ЦIыхубэ зэхуэсым и депутат Кубанов Расул, Черкесск и имам Катчиев Кахим, къалэм и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн Гурин Александр.

Щоджэным фIэхъус щарихым ягу къигъэкIыжащ сабийхэм бзэм хуаIэ щытыкIэр, пэжырыпсалъэр къызэпаудын зэрыхуэмейр, адэ-анэхэр абыкIэ быным я щапхъэу зэрыщытыр. Апхуэдэу щоджэным доклад ищIащ члисэславяныбзэр хъумэным триухуар, члисэ зэхуэхьэсам и школым зэрыщригъаджэм къытеувыIащ.

Конференцэм хыхьэу ялэжьахэр зэхалъхьэжащ икIи урысыбзэкIэ усэ къеджэнымкIэ зэпеуэм пашэ щыхъуахэр ягъэлъэпIащ.

1950
Фотогалерея