Псыхуабэ епархием Члисэ флористикэмкIэ и школым члисэ флористхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ зи чэзу курсхэр щызэхуащIыжащ. Япэ Iыхьэм и IэщIагъэлIхэм Христос и Хъуромэм ирихьэлIэу яджащ ЕссэнтIыгу къалэм Тхьэм и Анэм и «Всех Скорбящих Радость» тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ члисэр зэрагъэдэхар. Махуищым къриубыдэу флористхэр къэкIыгъэхэм елэжьащ, гупым зэрахэтынум зыхуагъэсащ, композицэхэм я щхьэхуэныгъэхэм къытеувыIащ.
ЕгъэджакIуэ икIи флорист IэкIуэлъакIуэ Кравченкэ Екатеринэ Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказым япэу къакIуэу аракъым. Мы зэм абы гупитIым хуэгъэза Хъуромэ курсым хигъэхьащ тхьэнапэхэр, хоросыр, паникадилэр гъэдэхэныр, гирляндэхэр зэIущэныр. ЕтIуанэ гупым къалэм и Никольскэ члисэм къащыпэплъэрт. Хъуромэ махуэшхуэм ирихьэлIэу псей къудамэхэр зэIущэщым теухуа мастер-классри гъэщIэгъуэн хъуащ. Курсыр и кIэм щынагъэсым члисэр ягъэдэхащ.