КИФЩI-м щекIуэкIащ «Послушание как основание монашеского подвига» зэхыхьэр

22.12.2021
Просмотры: 2386

2021 гъэм дыгъэгъазэм и 21-м, Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл и арэзыныгъэкIэ, зэпэIэщIэу иригъэкIуэкIащ «Послушание как основание монашеского подвига» зэхыхьэр. Зэхуэсыр къызэригъэпэщащ Псыхуабэ епархием. Зэхыхьэм щызэхуэсащ пастыр нэхъыщхьищ, монах 73-рэ федеральнэ округым и епархие псоми ящыщу.

Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт, зэхыхьэр егъэкIуэкIынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и Iэтащхьэм къыхигъэщащ щIыналъэ зэхыхьэхэм монаххэм ялэжьа гуапагъэхэм щыхэплъэм ехъулIэныгъэу къызэралъытар, игуменхэм я зэIущIэхэр, Урыс чристэн Члисэм и игумениехэр хыхьэу къызэрагъэпэщ Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх ЛъапIэ Кирилл иригъэкIуэкIынур. Къулъшырыфхэмрэ монаххэмрэ я Синод къудамэм хэт игумение Варварэ (Шурыгинэ) зэхыхьэм хэтхэм яжриIащ Каширск и митрополит, къудамэм и унафэщI Феогност и псалъэ гуапэхэр. Георгиевскрэ Прасковейскрэ я щихънагъ Гедеон Свято-Сергиевскэ Лаврым зэрыщыIамкIэ дэгуэшащ. «ДэIуэныр – монахым и япэ гуапащIэщ. Арыншэу нэгъуэщI гуапагъэ пхуэлэжьынукъым», - жиIащ Щихънагъым.

Владикавказскрэ Аланскрэ я щихънагъ Герасим дэIуэныгъэр зыхъумэжыныгъэм ирегъэщхь, монаххэр мамыр цIыхухэм щепсалъэкIэ гулъытэ хуащIын зэрыхуейм къытеувыIэу.

«Псом хуэмыдэу гъэщIэгъуэнщ монахыр тхьэлъэIум зэрыщымыIэфыр. Ар езэшынкIэ е хущIэмыхьэнкIэ зэрыхъунур. Щэхухэмрэ тхьэлъэIумрэ дэIуэныгъэр щIыгъуу аращ Тхьэм гъунэгъу дыхуэзыщIыр», - къыхигъэщащ Пастыр нэхъыщхьэм.

Доклад ин ищIащ игумен Кирилл (Никитин), Светлоград къалэм и Петропавловскэ цIыхухъу къулъшырыфым и унафэщIым.

Зэпсэлъэныгъэм хыхьэу языныкъуэ Iуэхугъуэхэм хыхьэу къэпсэлъащ унафэщIхэмрэ къулъшырыфхэм я унафэщIхэмрэ, зэхыхьэм хэтахэр. ЗэIущIэм хэтхэр

къытеувыIащ къулъшырыфхэм щызекIуэ иджырей гугъуехьхэмрэ Iуэху зэIумыбзхэмрэ.

«Ди зэпсэлъэныгъэр псом хэумыдэу сэркIэ лъапIэщ, сызэригугъэмкIэ, Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм дакъытеувыIам и закъуэкъым, духовнэ гъащIэм и Iуэху зэIумыбзхэр къызэднэкIыным я гугъу тщIащ. Си фIэщ мэхъу абы дэтхэнэми гуапагъэ къызэрытхуихьынур», - къыхигъэщащ архиепископ Феофилакт зэхыхьэм и лэжьыгъэр щызэхуищIыжым

2386
Фотогалерея