Псыхуабэ щагъэлъэпIащ «Красота Божьего мира» зэпеуэм пашэ щыхъуахэр

21.12.2021
Просмотры: 1502

Псыхуабэ и Покров члисэм щагъэлъэпIащ сурэт щIынымкIэ «Красота Божьего мира» зэпеуэм пашэ щыхъуа ныбжьыщIэхэр. Псыхуабэ члисэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Симанович Олег иритащ къалэ администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и управленэм и дипломхэмрэ благочинием и щIыхь тхылъхэмрэ курыт, тхьэмахуэ школхэм къыхэжаныкIахэм. Благочиннэм ныбжьыщIэхэм заригъэплъыхьащ икIи абы хыхьэу члисэм и тхыдэм, и лъапIэныгъэхэм зыхагъэгъуэзащ, уэзджынэ уапIэм щыIащ.

1502
Фотогалерея