ЧлисэщIэм куполрэ жоррэ фIадзащ

12.12.2021
Просмотры: 1692

2021 гъэм дыгъэгъазэм и 10-м, Тхьэм и Анэм и «Знамение» тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ махуэшхуэр щагъэлъапIэм, Тхьэм и Анэм и «Скоропослушница» тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ члисэщIэ Красный пахарь щыIэм куполрэ жоррэ щагъэуващ. Къулыкъур иригъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием и Минераловодскэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексий благочинием и щоджэнхэм щIыгъуу. Гъэнэхун къулыкъум щызэхуэсащ щIыналъэм щыпсэухэр.

ЧлисэщIэм цIыху нэхъыбэ щIохуэ, нэхъапэм тхьэлъэIухэр щрагъэкIуэкIам нэхърэ. Ухуэныгъэр иджырей Iэмалхэм тету яухуащ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм Iэмал яIэщ нэхъ зыхуей хуэзэу къулыкъур ирагъэкIуэкIыну.

1692
Фотогалерея