Урысейм дыгъэгъазэм и 9-м щагъэлъапIэ Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэр. А махуэм ягъэлъапIэхэм ящыщщ – георгий и кавалерхэр. ЕссэнтIыгу къалэм и Пантелеимоновскэ члисэм Георгий и кавалерхэм фэеплъ дапхъэхэр щыхуагъэува щIыпIэм – урыс-тырку, урыс-япон зауэхэм хэтахэм деж щоджэнхэр Тхьэ щелъэIуащ.
ТхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ ЕссэнтIыгу члисэ округым и благочиннэ, епархием къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан. ТхьэлъэIум щызэхуэсащ къалэм и зэгухьэныгъэхэм хэтхэм къалэм и атаман Борисенкэ Виктор я пашэу.
Благочиннэм зэхыхьэм хэтхэм ялъигъэIэсащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт къыбгъэдэкI фIэхъусыр икIи захуигъэзащ я нэхъыжьхэм я фэеплъым хуэфэщэну, зи Хэкумрэ фIэщхъуныгъэмрэ зи псэ щIэзытахэм. ТхьэлъэIу нэужьым къэзакъхэмрэ щоджэнхэмрэ зэгъусэу сурэт зытрагъэхащ.