Архиепископ Феофилакт Александровскэ станицэм щригъэкIуэкIащ зэхыхьэр

07.12.2021
Просмотры: 2075

2021 гъэм дыгъэгъазэм и 6-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт КъБР-м и Александровскэ станицэм Александро-Невскэ члисэм пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр щригъэкIуэкIащ.

Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Налшык члисэ округым и щоджэнхэм щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентинрэ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрийрэ я пашэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ «Отрада» екIуэлIапIэм и гъэсэнхэр, члисэм щылажьэхэр, къэзакъхэр, Александровскэ щыпсэухэр, гъунэгъу къалэхэмрэ станицэхэмрэ щыщу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну къэкIуахэр.

Литургие нэужьым Щихънагъым зэгъусэ тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ, щихъ, фIэщхъуныгъэ зиIэ джыназ Невский Александр папщIэ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Зэхыхьэр и кIэм щынэблагъэм зэгъусэу сурэтхэр зытрагъэхащ.

2075
Фотогалерея