Архиепископ Феофилакт литургиер щригъэкIуэкIащ Исправнэ станицэм

06.12.2021
Просмотры: 2172

2021 гъэм дыгъэгъазэм и 5-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ Исправнэ станицэм и Михайловскэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием и Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений, члисэм и унафэщI щоджэн Якушев Александр, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къэзакъхэмрэ станицэм щыпсэухэмрэ.

ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къыщыхьахэм къеджа нэужь Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Литургие нэужьым Тхьэм и Анэр игъэлъэпIащ. ТхьэлъэIу нэужьым архиепископ Феофилакт екIуэлIапIэм кIуэхэм епсэлъащ икIи зэгъусэу сурэт зытрагъэхащ.

2172
Фотогалерея