Кисловодск ягу къыщагъэкIыжащ зауэлIхэм я фэеплъыр

06.12.2021
Просмотры: 1384

2021 гъэм дыгъэгъазэм и 3-м Кисловодск къалэ-зыгъэпсэхупIэм Сэлэт мыцIыхум и махуэм теухуа пэкIу щызэхэтащ.

Дзэ щIыхьым и къалэ «Солдатам Родины» фэеплъым деж щызэхэта пэкIум хэтащ къалэ Думэм и унафэщI Волошинэ Любовь, Кисловодск къалэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Загуменная Татьянэ, Покров члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Степанов Вадим, щIалэгъуалэр, къалэ-зыгъэпсэхупIэм щыпсэухэр, и хьэщIэхэр.

Щоджэным ягу къигъэкIыжащ Хэку зауэшхуэм и къэхъугъэхэр уигу ибгъэлъыным иIэ мыхьэнэр икIи псори къыхуриджащ Сэлэт МыцIыхум фIыщIэ хуащIыну, щIэблэм папщIэ зи псэ щIэзытар, Хэкум зи псэ щIэзыта нэхъыжьхэм яхуэфащэу псэуну, абы я лIыгъэр зыщамыгъэгъупщэну. ЗэIущIэм хэтхэм хэкIуэдахэр ягу къагъэкIыжащ зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуэри.

А махуэм Чристэн Свято-Никольскэ классическэ гимназием и гъэсэнхэр хэтащ «Тест по истории Великой Отечественной войны» дунейпсо Iуэхум. Ар 2015 гъэ лъандэрэ Къэрал Думэм и ЩIалэгъуалэ парламентым ирегъэкIуэкI. Зэхыхьэм хэтхэм Хэку зауэшхуэм и тхыдэм теухуа я щIэныгъэр къапщытащ, зауэ зэманым теухуа упщIэхэм жэуап иратурэ. ТхыдэмкIэ егъэджакIуэ Чеменовэ Еленэ «Мы будем чтить ваш подвиг вечно…» лIыхъужьыгъэм и дерсыр иригъэкIуэкIащ. Абы еджакIуэхэм щIэ куэд къыщащIащ икIи езыхэр къытеувыIащ зауэм и лIыхъужьхэм зэрахьа лIыгъэм.

***

Сэлэт МыцIыхум и фэеплъыр 2014 гъэ лъандэрэ ягъэлъапIэ. Ар теухуащ Урысейм и хъумакIуэ хэкIуэдахэм, зи цIэ ямыгъуэтыжахэм. 1965 гъэм дыгъэгъазэм и 3-м, нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр Москва къыщебгъэрыкIуам лIэщIыгъуэм и Iыхьэ плIанэр щагъэлъапIэм, Александровскэ хадэм ягъэIэпхъуащ Сэлэт МыцIыхум къыщIэнахэр. Абы лъандэрэ дыгъэгъазэм и 3-м Хэкум и хъумакIуэ хэкIуэдауэ зи цIэ къахуэмыгъуэтыжахэм я фэеплъыр ягу къагъэкIыж.

1384
Фотогалерея