Анэхэм я махуэшхуэм розэрэ дэрэжэгъуэрэ иратащ

01.12.2021
Просмотры: 1535

Анэхэм я дунейпсо махуэр щагъэлъэпIащ Псыхуабэ еапрхием и «Анэхэм папщIэ унэ» кризис центрым щэбэт кIуам. Махуэшхуэр къызэрагъэпэщащ центрым и псапащIэхэр я дэIэпыкъуэгъуу. Концертым зыкъыщагъэлъэгъуащ анэхэмрэ я бынхэмрэ. «Казачья душа» цIыхубэ ансамблым кърихьэлIахэм я нэгу зригъэужьащ.

Илъэс къэс къызэрагъэпэщ махуэшхуэм щагъэлъэпIащ зэпеуищым пашэ щыхъухаэр. «Мамин день в сети инстаграм» онлайн-марафоным щытекIуахэр IэIэткIэ къыхахащ. Гущэкъу уэрэдхэр нэхъыфIу жыIэнымкIэ зэпеуэр махуэшхуэм щрагъэкIуэкIащ, IэпщIэлъапщIэхэм я гъэлъэгъуэныгъэр хабзэ хъуащ. Махуэшхуэм и хьэщIэхэм къыхахащ иужьрей зэпеуитIым щытекIуахэр.

Саугъэт лъапIэхэр иратащ анэхэм махуэшхуэм ирихьэлIэу, бынибгъу зиIэхэм. Псыхуабэ епархием гуапагъэ щызыщIэ шыпхъу Климовэ Галинэ анэхэм тыгъэ яхуищIащ шхыIэнрэ алэрыбгъурэ. Махуэшхуэр щиухым анэхэм розэхэр иратащ.

1535
Фотогалерея