Анэхэм удз гъэгъахэмрэ макъамэрэ тыгъэ хуащIащ

29.11.2021
Просмотры: 1453

Анэхэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу «ДыгъафIэ къалэм» махуэшхуэ концерт щрагъэкIуэкIащ. А махуэм центрым щызэхуэсащ анэхэр. Центрым и унафэщI щоджэн нэхъыжь Стацюк Алексий зэхыхьэм хэтхэм ялъигъэIэсащ Псыхуабэ, Черкесск епархием и архиепископ Феофилакт къыбгъэдэкI хъуэхъур.

Кисловодск филармонием и уэрэджыIакIуэ, дунейпсо зэпеуэхэм я лауреат Ивановэ Майе къызэхуэсахэм макъамэр тыгъэ яхуищIащ. Концерт нэужьым анэ жыджэрхэм – «Анэхэм я махуэ» онлайн-марафоным хэтахэм саугъэтхэр иратащ.

КъызэгъэпэщакIуэхэмрэ анэхэмрэ центрым и псапащIэхэмрэ студентэмрэ фIыщIэ хуащIащ ЕссэнтIыгу къалэм Ставрополь щиIэ къэрал пединститутым и студентхэмрэ махуэшхуэр къызэрызэрагъэпэщам папщIэ.

1453
Фотогалерея