Пшыхьым щыIуащ кинохэмрэ мультфильмхэмрэ щыщ уэрэдхэр

23.11.2021
Просмотры: 1778

2021 гъэм щэкIуэгъуэм и 22-м Псыхуабэ епархием и щIалэгъуалэ центрым щекIуэкIащ Ставрополь крайм опереттэмк1э и театрым и артистхэмрэ Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам и щIалэгъуалэмрэ я «Песни из кино и мультфильмов» творческэ пшыхьыр. Епархием щэнхабзэмкIэ и къудамэмрэ театрымрэ цIыхушхуэ зэхуашэс.

Псыхуабэ къалэм и чристэн щIалэгъуалэм яфIэфI дыдэу зрагъэщIащ кинематографхэм я уэрэд цIэрыIуэхэр. Артистхэмрэ кърихьэлIахэмрэ фIэхъус ярихащ Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн Копач Пётр, уэрэд зыбжанэ зыгъэзэщIар.

КъызэгъэпэщакIуэхэмрэ артистхэмрэ фIыщIэ хуащIащ концертым папщIэ икIи пшыхьым щыжаIа уэрэдхэм дежьууащ.

1778
Фотогалерея