«Целебный Ессентуки» центрым щекIуэкIащ зэхыхьэ

19.11.2021
Просмотры: 1720

ЕссэнтIыгу Урысей Федерацэм и Презиентым и полномочнэ лIыкIуэу щыIэ Чайкэ Юрийрэ Ставрополь крайм и Правительствэмрэ ягъэазщIэ Псыхуабэ, Черкесск епархием узыншагъэр хъумэным хуэщIа «Целебный Ессентуки» центрыр къыщызэрагъэпэщыныр.

Нобэ а ухуэныгъэм и щIыпIэм деж зэхыхьэ щрагъэкIуэкIащ. Абы хэтащ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэм и дэIэпыкъуэгъу Надыкто Владимир, ЕссэнтIыгу къалэм и Iэтащхьэ Тростинский Сергей, проект организацэм и лIыкIуэхэр, зи узыншагъэр ирагъэфIакIуэ сабийхэм я адэ-анэхэр ящIыгъуу.

ИппотерапиемкIэ центрыр къызэIуахащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ илъэситху ипэкIэ. Ар псапэ Iуэху ищIэу мэлажьэ – адэ-анэхэм сабийхэр къашэри пщIэншэу ядолажьэ. А зэманым къриубыдэу я узыншагъэр ирагъэфIакIуэри къызэрыгуэкI гъащIэм хыхьэжащ сабий щэ бжыгъэхэр.

Мы гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм полпред Чайкэ Юрий и дэIэпыкъуныгъэкIэ утыкум къыщызэIуахащ щхьэ зытелъ манежыр. ИппотерапиемкIэ центрым щIэупщIэшхуэ зэриIэм къыхэкIыу абы зрагъэубгъуну, ирагъэфIэкIуэну мурад ящIащ.

Социальнэ проект ин ягъэзэщIэнущ бюджетым щымыщ ашхъэ къагъэсэбэпу. Апхуэдэ иджыри Урысей Ипщэм щыIэкъым. Центрым и Iэгъуэблагъуэм узыншагъэр щрагъэфIакIуэ къудей мыхъуу, иджы паралимп джэгухэм шы спорт унэтIыныгъэм щыхуагъэхьзыри, урысейпсо зэпеуэхэр къыщызэрагъэпэщ, гъэмахуэ лагерхэр къыщызэIуах хъунущ.

Мурад нэхъыщхьэр – центрым и лэжьыгъэр илъэс псом зэпамыгъэууэ ирагъэкIуэкIынырщ. Манеж ухуэныгъэм къыдэкIуэу административнэ ухуэныгъэ ящIынущ, мануальнэ терапевтхэр, зыщахуапIэ-зыщатIэщIхэр, зыщагъэпскIхэр, бассейнхэр, хьэщIэщхэр, инклюзивнэ театрхэр, лъэщапIэхэр хэту. Iэгъуэблагъуэм тетIысхьэпIэхэр щащIынущ, машин гъэувыпIэхэр иIэу.

Центрым пщIэншэу сабий 300-м зыщагъасэ хъунущ.

Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэм и дэIэпыкъуэгъуу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Надыкто Владимир къыхигъэщащ манеж ухуэныгъэм иужькIэ чэзууэ мыхъуу иппотерапиемкIэ центрым я узыншагъэр Кавказ Ищхъэрэм и ныбжьыщIэхэм ирагъэфIакIуэ зэрыхъунур. КъищынэмыщIауэ, паралимп спорт унэтIыныгъэхэм зыщыхуагъасэ зэрыхъунур.

ЕссэнтIыгу и Iэтащхьэ Некристов Алксандр къыхигъэщащ а проектым къалэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр.

«Центрым и фIыгъэкIэ зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабийхэм я гъащIэр ирагъэфIэкIуэну Iэмал щыIэщ», - къыхигъэщащ къалэм и Iэтащхьэм.

1720
Фотогалерея