Пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэм щыIущIащ Свято-Сергиевскэ цIыхубз къулъшырыфым

18.11.2021
Просмотры: 2306

2021 гъэм щэкIуэгъуэм и 16-м, Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Георгий и махуэшхуэм, Лиддэ къалэм, Псыхуабэ еапрхием и Свято-Сергиевскэ цIыхубз къулъшырыфым пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр щрагъэкIуэкIащ.

ТхьэлъэIу литургиер иригъэкIуэкIащ къулъшырыфым и щоджэн нэхъыжь Лиманов Гермоген ЕссэнтIыгу округым и члисэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефанрэ къулъшырыфым и щоджэнхэмрэ щIыгъуу.

ТхьэлъэIу нэужьым щоджэнхэм гуапагъэ зыщIэ шыпхъухэмрэ щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэмрэ я гъусэу щихъ Георгий и къарум щыщ Iыхьэхэм щIыгъуу щихъыр ягъэлъэпIащ. Къулъшырыфым и унафэщI игумение Варварэ (Шурыгинэ) къулъшырыфым и хьэщIэхэм махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ. Зэгъусэ тхьэлъэIум папщIэ ехъуэхъуащ икIи щихъ Георгий къадэIэпыкъуну захуигъэзащ.

2306
Фотогалерея