ЕссэнтIыгу къалэм и ТВКО-м и къэзакъ зэгухьэныгъэм щекIуэкIащ Тэрч къэзакъыдзэм и атаманым, УФ-м и Президентым и полномолчнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и дэIэпыкъуэгъу къэзакъ полковник Кузнецов Виталий иригъэкIуэкIа Правленэм и атаманхэм я зэхыхьэр.
Правленэм и лэжьыгъэм хэтащ епархием къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан. Щоджэным атаманым лъигъэIэсащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископым и арэзыныгъэр икIи ехъуэхъуащ узыншагъэ быдэ, къару иIэну, лэжьыгъэфI къехъулIэну.
Кузнецов Виталий къытеувыIащ зэфIиха лэжьыгъэхэм, къыпэщылъ зыужьыныгъэхэм, къэзакъ кадет корпусыщIэ Кавказ Ищхъэрэм къыщызэIуахыным теухуауэ. ЗэIущIэр щиухым дзэ атаманым Тэрч и къэзакъ нэхъыжьхэм ящыщ Месечкэ Александр хуигъэфэщащ Урысейм и къэзакъхэм хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ дамыгъэ лъапIэ – бгъэхэIу жорыр.